✨ Нана сказала

📜 Адыгэ мифологие

Алмэсты, Ажэгъафэ, Акуандэ

💬 Мифические персонажи адыгского фольклора: от лесных духов до героев нартского эпоса.

АЛМЭСТЫ, Къулбасты, Къолбастэ, Алмастын, Налмэстын

Миф псэущхьэ шынагъуэщ, езыр цIыху сурэту, щэджащэу, цы Iув тету, инэхъыбэм – бзылъхугъэу къокIуэ. ЦIыхум зэран хуэхъу бзаджэнаджэхэм ящыщщ. Алмэстыр лъэпкъ куэдым яIэщ. Абы ущрохьэлIэ Кавказым, Индыл Iуфэ, Курыт Азием, Сыбырым, Афганистаным, Ираным, къинэмыщIахэм щыпсэу лъэпкъхэм я IуэрыIуатэм. Алмэстым и лъапсэр къуэкIыпIэ къэралхэм къыщожьэ, ауэ къызыщежьэр иран (къэжэр) лъэпкърэ тюрк лъэпкърэ зэIубзу щыткъым иджыри. Тюрк лъэпкъхэм къыщежьауэ нэхъ тегъэчыныхьыпхъэщ, сыту жыпIэмэ, иранхэм (персхэм) куэдкIэ япэжыжьэ тюрк лъэпкъхэм (псалъэм папщIэ, якутхэм) а образыр зыубгъуауэ, нэхъ пасэрей нэщэнэхэр дэплъагъуу яIэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, и пэжыпIэр иджыри пхуэгъэнахуэкъым. Шэч зыхэмылъыр зыщ: адыгэхэми, нэгъуэщI кавказ лъэпкъхэми Алмэстыр къуэкIыпIэ лъэпкъхэм къыпахащ. Ар къызэрыкIуа щIыкIэхэри иджыри зэIубзкъым – муслъымэн диным къыздихьа хьэмэрэ абы ипэкIэ къахьа? Муслъымэн диныр къэзыщта кавказ лъэпкъхэм Алмэстыр зэраIэм гурыщхъуэ уегъэщI ар ислъамым къыздихьауэ.

Дапхуэдэу щымытми, адыгэм аращ Алмэстыр къазэрылъэIэсар, сыту жыпIэмэ, Алмэстыр хэплъагъуэкъым адыгэ IуэрыIуатэм и жанр пасэхэм – эпосым, псысэм. Ар хэткъым адыгэ мифологием и системэ нэхъыщхьэм, зыхэтыр «низшая мифология» жыхуиIэращ (бзаджэнаджэ хъыбархэм), зэзэмызэ – псалъэжьхэм. НэгъуэщIу жыпIэмэ, Алмэстыр адыгэм я дуней еплъыкIэми я IуэрыIуатэми кIасэу къыхыхьащ. Тюрк лъэпкъхэр (Кавказым щыпсэу гуэрхэри яхэту) къапщтэмэ, якутхэми, нэгъуейхэми я эпосым фабгъуэу хэтщ Алмэстыр. Уеблэмэ, къэрэшей-балъкъэр нарт эпосми къыхощ.

Мыбдежым нэгъуэщIи къыжыIэн хуейщ: Алмэстыр къызыщежьам къикIыу зимыхъуэжу ди деж къэсакъым. Абы и къежьапIэ дыдэр, лъапсэ хуэхъуар зэIубзкъым. Ауэ хуэбгъэфащэ хъунущ ар япэ щIыкIэ щIыуэпсым къихь шынагъуэхэм, иужькIэ – цIыху зэхэтыкIэм, псэуныгъэм хэлъа ныкъуэкъуэныгъэм, залымыгъэм я дамыгъэу къэхъуауэ. Абы и IуэхукIэ гъэщIэгъуэнщ мыбы гу лъыптэну. Якутхэм я эпосым хэт абаасыхэр (алмэстыхэр) нэджэIуджэ щэджащэрэ фIыщIакIуэ лIыхъужьхэм я бийуэ щытщ. Абыхэм я къалэныр иныжьхэм нарт эпосым щагъэзащIэ къалэным хуэдэщ. Апхуэдэ алмэсты образхэр, дауикI, нэхъ пасэщ, лъэхъэнэкIэ я лъапсэр нэхъ жыжьэ щыIэщ. Нэгъуей эпосым хэт алмэстыхэри шынагъуэщ, лIыхъужьхэм япэщIэтщ, ауэ абыхэм я ныкъуэкъуэгъу нэхъыщхьэу щыткъым.

Хуэбгъэфащэ хъунущ ар Алмэстым и образым зиужьыным и етIуанэ лъэхъэнэу. Ещанэ лъэхъэнэм Алмэстым шынагъуэу иIэр нэхъри къотIасхъэри, и къалэнхэр бзаджэнаджэ къалэнхэм яхуэдэ мэхъу. Мис абы хуэдэщ адыгэм я дуней еплъыкIэм, я мифологием хэт Алмэстыр. Адрей лъэпкъхэм, псалъэм папщIэ, якутхэм, нэгъуейхэм, къэрэшейхэм, шэшэнхэм, ингушхэм я алмэстыхэр хъууи бзыуи къокIуэ. Адыгэм я Алмэстыр бзылъхугъэщ. ДауикI, ар къызыхэкIар адыгэ мифологием и системэмрэ абы и персонажхэмрэ нэщэнэу яIаращ. Къапщтэмэ, Алмэстыр зыкъомкIэ ещхьт Псыхъуэ-гуащэми, абы хэзэрыхьурэ и дамыгъэ, и хьэл-щэнхэр зытехуэ образ хъуащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, адыгэр зэса образым и жыпхъэм иуващ нэгъуэщI щIыпIэ къикIа Алмэстыр.

Адыгэ хъыбархэм къазэрыхэщымкIэ, Алмэстыр бзылъхугъэ сурэту, ауэ цIыхум елъэгэкIыну щытщ. Абы и лъэдакъэм нэсу щхьэцышхуэ тетщ, и щIыбкIэ иридзэкIмэ, е и гупэкIэ иридзыхмэ, и Iэпкълъэпкъ псор щIихъумэу. Алмэстым и быдзитIыр кIыхьщи и щIыбкIэ иредзэкI. Алмэстым и щIыфэм зэдэкIуэу цы тетрэ бэлацэшхуэу жаIэжыр, и пэр пакъэрэ быхъуу, и нэхэр бгъунжу ису жызыIэ вариантхэр щыIэщ. Алмэстыр цIыхум хуэдэщ, ауэ щыгъын щыгъкъым, ар цIыху сурэту зэрыщытым и щыхьэтщ мы псэлъафэри: «Алмэстым жеIэ: сыцIыху къыфIощIри хьэ къызобэн». Алмэстым я хэщIапIэщ унэжь бгынэжахэр, банэ мэзыр, псыкум хэлъ лъэхъц щIагъыр, Iэтэ лъабжьэхэр, псым хэлъу щыжаIи къохъу. Алмэстым цIыхур егъащтэ, абы къыщымынэу зэранышхуэ къыщихь щыIэщ. Ауэ Алмэстымрэ цIыхумрэ щызэхуэфI, уеблэмэ щхьэгъусэ щызэхуэхъу щыIэщ. Алмэстыр хуабжьу жыIэщIэ мэхъу, уеблэмэ къыпхуэлIыщIэнущ абы и щхьэмажьэ, е и щхьэц Iэрамэ зыIэрыбгъэхьэу бгъэпщкIумэ. Щхьэмажьэр (щхьэцыр) пIыгъыху узыхуейр къыпхуещIэ, ищтэжу ежьэжын гугъапIэ фIэкIа иIэкъым. Ар къехъулIэмэ, зэран хуабжь къыуихыу ежьэжынкIэ мэхъу.

[Azhagafa] – A ritual character, a jester in mask of goat; an assistant master of ceremonies.
[Ажагафа] («козла танцевать заставляющий», «танцующий козел») – обрядовый персонаж, шут в маске козла; помощник распорядителя на празднествах.
[Ajeğafe] – Gelin alma, çapşe, zehes, tarım şenlikleri vb.törenlerde insanları eğlendirmek amacıyla keçi maskesi takan kişi. Dceguak’ue yardımcısı.

Налоев З.М. Этюды по истории культуры адыгов. Нальчик, 1985; Налоев З.М. Из истории культуры адыгов. Нальчик, 1978.

АЖЭГЪАФЭ, ажыгъафэ, ачъэкъашъу

Джэгум (нысэишэм, щIэпщакIуэм, вакIуэихьэжым, жэщдэсхэм) хэт джэгуакIуэ къуэдзэ. Абы щхьэрыгъщ ажэ сурэту щIауэ ажэ пыIэ (ачъэжъ мэIу) – фэм хэщIыкIауэ, бжьакъуэ, жьакIэ тету, и нэр плъыжьу къэтхъыхьарэ къигъэжауэ. Ажэгъафэр джэгуакIуэм и дэIэпыкъуэгъущ, абы и къалэнщ джэгум хэт цIыхур гъэгуфIэныр, гъэгушхуэныр, я нэгу зегъэужьыныр. Джэгум и хабзэм тету, ажэгъафэм сыт ищIэми ар емыкIуу къалъытэкъым. Псом хуэмыдэу ажэгъафэм бгъэдэлъщ лъхуэн-пIэн (репродуктив), эротик дамыгъэхэр. Ар гъавэр бэв, нысащIэр – къуэбын-щэбын хъуным хуэгъэза мэгъу Iэмалхэм ящыщ зыщ.

АКУАНДЭ, Акуанд, Iэкуандэ-дахэ, Куандэ, Кондэ-дах, Аргуандэ

Нарт эпосым хэт пщащэ дахэщ, Алыджхэ япхъущ, зэм Алыдж ипхъурэ Джылахъстэн и шыпхъуу къокIуэ, зэм Джылахъстэн ипхъуу къокIуэ. Iэдииху ещхьу, Акуандэ и лъапсэри, дауикI, епхащ дыгъэр ягъэлъапIэрэ дыгъэ-мазэр тхьэпэлъытэу щабжу щыта лъэхъэнэм. Акуандэ и пкъым, и бгъафэ хужьым апхуэдизу нэхушхуэ едзри, жэщ кIыфIыр къегъэнэху, шэджагъуэм къепс дыгъэм хуэдэу. Акуандэ чэщанэм щопсэу, ар хьэм яхъумэу, езым уIуплъэнкIэ шынагъуэу зыхэт текст щыIэщ. Мы тхьэпэлъытэ бзылъхугъэ образым апхуэдэ шынагъуэхэр иужькIэ кIэрыпщIауэ къыщIэкIынщ (егъапщэ Сэтэней – ар нартхэм я анэрэ фыз Iущу, тхьэпэлъытэу зэрыщытым къыдэкIуэу уду, щхъухьпсыхь зэрихьэу къокIуэ).

Акуандэ и псэлъыхъухэм ящыщщ Сосрыкъуи Бэдынокъуи. Езы Акуандэ къыхихыр Бэдынокъуэт. Бэдынокъуэ и бжыр (вариантым: cагъындакъыр) Aкуандэ и унэ бжэIупэм щыхиIум, нарт Джылахъстэн жиIащ: «Бэдынокъуэ и бжыр къыхэзычым Акуандэ естынщ». Бжыр зыми къыхухэчакъым, Сосрыкъуэ мыхъумэ. Ауэ Джылахъстэн идакъым Акуандэ абы иритын: «Уэ ущIэгъутхьэщ, бгъэсысри, итIанэщ къыщыхэпчар», – жиIащ. Сосрыкъуэрэ Бэдынокъуэрэ зэрыгъэIущри Джылахъстэн и жылэм цIыхуи Iэщи икIи дамыгъэхьэу, икIи дамыгъэкIыу мэув. Сосрыкъуэ нэхъ цIыкIути, бжьэпэм тоувэ, Бэдынокъуэ нэхъ инти, лъэгум макIуэ. Джылахъстэн Лъэпщ деж макIуэри а тIум я шабзэшэ зырыз ирегъэщI, зэуэм фIэмыкIыу. Ар къыздэкIуэжым, Сосрыкъуэ къыпотIыс, къегъащтэри зы шабзэр Iэпегъэху.

ИтIанэ Джылахъстэныр Акуандэ йоупщI: «Лъэгум итым сеуэн, хьэмэрэ бжьэпэм тетым сеуэн?». Акуандэ жиIар зэрихъуэкIыу ищIэн и гугъэти, «лъэгум итым еуэ» жиIащ пщащэм. Джылахъстэн а зэм фIэкIа едэIуакъым Акуандэ жиIам: уэри Бэдынокъуэр иукIащ. Апхуэдэу Iуэхур къыщыщIидзым, Сосрыкъуэ лIа нэпцI зищIри зигъэукIуриящ. Джылахъстэн и фIэщ хъуакъым Сосрыкъуэ лIауэ: «... и лъэдий къупщхьэр фыубрууи, брум и дзэм щыз куцI къысхуэфхьи севгъэплъ», – жиIащ. КIуэхэри Сосрыкъуэ и лъэдийр яубрури, брум и дзэм щыз куцI къыхуахьащ. Джылахъстэн куцIым епэмри жиIащ: «И лIыхъужьыгур мэжьэражьэ». Джылахъстэн Сосрыкъуэ деж кIуэри джатэпэкIэ еуIуурэ жиIащ: «Куэдрэ ущылъыну мыбдеж?». Cосрыкъуэ зэуэ къыщылъэтщ, джатэкIэ Джылахъстэн и щхьэм къеуэри зэгуиупщIыкIащ. Джылахъстэн и щхьэр IэкIэ иIыгъыу я деж кIуэжащ. ИужькIэ абы илIыкIыжащ. Акуандэ Сосрыкъуэ дэкIуащ.

[Akuanda] – A heroine of the nart epic, Alidzh’s daughter, Gilyakhstan’s sister. Akuanda’s image like Adiyukh’s one reveals a combination of solar myths with echoes of female deities.
[Акуанда] – героиня нартского эпоса, дочь Алиджа, сестра Гиляхстана. Образ А., как и Адиюх, обнаруживает сочетание солярных мотивов с отголосками женских божеств.
[Akuande] – Nart destanlarındaki kadın kahramanlardan biri. Bazı tekstlerde Alıç’ın kızı, Djılahstan’ın kız kardeşi bazı tekstlerde ise Djılahstan’ın kızı olarak zikredilmektedir.

Нартхэр. Адыгэ эпос: II: 201-204; Нартхэр. Адыгэ эпос: III: 309-311, 311-322; Кабардинский фольклор: 42; Из Адыгского народного эпоса: 37-40.

Дочь шапсугов
Адыгэ хабзэ
Черкесия - боль моя

ЧИТАЕМ

Тени прошлого
Записки кавказца
Адыгэ орэдыжъыхэр

СМОТРИМ

Иллюстрация
Иллюстрация
×
×
Шапка с каплями