✨ Нана сказала

Адыгэ мифологие

Алыджхэ я унэ, Бзаджэнаджэ

Священное место сбора нартов и мир злых духов в адыгской традиции.

АЛЫДЖХЭ Я УНЭ; Iалэдж яунэ, Алэджы яун, Алэдж яун

Нарт эпосым хэтщ нартхэм я зэхуэсыпIэ-зэIущIапIэу, хасэ щызэхашэу, санэхуафэ щащIу, джэгупIэу. Алыджхэ я унэм кIуэн папщIэ, Бэдынокъуэ ищхъэрэкIэ («темыр къэзакъ лъэныкъуэмкIэ») щыIэ Чыртым йокIри ипщэкIэ («къаблэмкIэ») щыIэ Нартым макIуэ. Ар «Тэн иригъуазэурэ Псыжь зэпрокI». Бжьэдыгъу текстым зэрыжиIэмкIэ, Алыджхэ я унэр Псыжь хэхуэж Пшышэбгъу бжьэпэм тетщ. Ар «унэ хужь бгъунжщ, унэ бгъунж пхашэщ», «мывэ унэжьщ, жыгеижь лъэгущ», чоууэ Iутыр шыбгъэм нэсу лъагэщ. Унэр апхуэдизкIэ инщи, «иныкъуэм дыгъэр къыщопс, иныкъуэм уэсэпс къыщох», «тхьэ щэщI икIыхьагъыу» щыжиIэ щыIэщ. Унэм и пхъэв Iунэхэр чоу бжэгъуу инщ. И гъуаплъэ Iунэбжэр нэрыбгэ тIощIым Iуах. Унащхьэм ит шордакъым уису гуоугъуиблкIэ щыIэр уолъагъу. Унэм и бжэIупэр лэгъунакIуэ щауэхэм яутауэ ятIэщи, нартылI иш хэнэну шынагъуэщ. Алыджхэ я унэм нартхэм санэхуафэ щащI, «санэхур я кIадэщ, вы ехъуари я нышщ, гъэлъэхъу пшэри укIащ».

Санэхуафэм и тхьэмадэу, гупым я нэхъыжьу къокIуэ Пщыдадэ, Албэч, Алыдж, къинэмыщIахэр. Унэм къокIуалIэ нарт щIалэхэри. Нартхэу мыбы щIэсым ящыщщ НэсрэнЖьакIэ, Уэрзэмэдж, Хъымыщ, Сосрыкъуэ, Бэдынокъуэ. Сосрыкъуэ гупым я пщaфIэу къызыхэщ текстхэр щыIэщ. Бэдынокъуэ мыбы къыщIэкIуэр нарт щауэгъу къигъуэтынуращ. Унэр нартыжь джэгупIэщи, хъыджэбз дахи я бащэщ. Бзылъхугъэу мыбы щыIэхэм ящыщщ Сэтэней, Акуандэ сымэ, унэIутхэр, къ. Ахэм нартылIхэр дашэхыурэ унэм ирагъэблагъэ. Апхуэдэ гугъэ яIэу ахэр, псалъэм папщIэ, Бэдынокъуэ пожьэ. Абы хуагъэнакIэ санэху кIади, вы ехъуаи, гъэлъэхъу пшэри, хъыджэбз дахи, жэщ гъуэлъэгъуи. Ауэ Бэдынокъуэ яхутечкъым, мыр жеIэри: «Сэ сыешхакIуэ-ефакIуэкъым, cэ сылэгъунакIуэ щауэкъым, нарт щауэгъу солъыхъуэ». Нарт эпосым икъукIэ дахэу, IупщIу нэгум къыщIигъэхьэу къыжеIэ Алыджхэ я унэмрэ абы зэхэтыкIэу щыIэмрэ. Алыджхэ я унэм Бэдынокъуэ щыщIэупщIэкIэ, Iэхъуэм мыр къыжреIэ:

Алыджхэ я унэм и лъагъуэр
Гъуэгу нашэкъашэщ,
Унэ хужь лъэбышэщ,
Унэ хужь кIыхьщ,
Тхьэ щэщI и кIыхьагъщ.
Унэ плIэ Iупэхущ,
Унэ къебэ-небэщ,
ЩIэсэн бэуэ щIэтщ.
Зы щIэсэну щIэтыр
Вийм къызэралъэфщ,
Апхуэдизи и куэбжэпэ Iулъыжщ,
Шы бгъэлыбэми къос.

Псэлъыхъухэм яутауэ
Зы псыпцIи иIэщ,
Уи шыр хэмыкIыфмэ, УукIытэжынщ.
Зы гуащи исщи,
Бажэ зекIуэкIэщ,
Унэ жыхафэгур
И тхьэмахуэкIуэщ,
Псэлъыхъуу иIэм
ПщIантIэр яутэ, Cэтэней и ефэщ,
Гъуэгу щхьэIум тесщ,
Къан хъыджэбзи и бащэщ, Cанэхубжьи я кIадэщ,
Вы ехъуаи я нышщ,
Гъэлъэхъу пшэри я шыпсщ.
Къэсым абы щызэфIадзэ,
Нартыжьхэри щызэхэсщ.
Нэсрэн-ЖьакIи къыщысщ,
Сосрыкъуи щIэсыххэщ.
Пщащэ дахи я къэфакIуэщ,
Уэ джэгуэгъуи пхуащIынщ.
Абы ущеблагъэмэ, Нартыжьхэр щызоуэр,
Хуарэгъуэ гейми щытесщ,
Джатэ кIэщIхэри я бгырыдзэнщ.

Бэдынокъуэ Алыджхэ я унэ иригъэблэгъэну мыпхуэдэу жеIэ Сэтэнейм:

Алыджхэ я унэ къеблагъэ!
Ди выгъуэ бжьэпэплъыр
Уи хьэщIэнышщ,
Ди гъэлъэхъу пшэрыр
Уи пшапэIусщ,
Ди санэху кIадэр
КъыдокIуей-йохыж,
И щхьэр пхутетчынщ.
Ди уардэ лэгъунэ
ЗэгъуэкI пхуэтщIынщ, Ущыдгъэщхьэукъуэнщ,
Зыщодгъэгъэпсэхунщ.

Жьы хъуахэр укIыжыным и унафэр здащI ЖьыукI хасэри здекIуэкIыр Алыджхэ я унэращ (еплъ ЖьыукI хасэм). Апхуэдэу щыт пэтми, Алыджхэ я унэр къреIуэ унапIэ махуэжьу, лIыжь тIысыпIэу, жьыхэр къыщыхасэу, нарт лIыжьхэр щагъафIэу, нартхэр щызэIущIэу, нартхэр щызэхэкIыу. Нэгумэ Шорэ зэритхымкIэ, Чэфэрыщхьэрэ Инжыджыщхьэрэ мывэ унэхэр итащ Алыджхэ я унэкIэ еджэу. ЩIэныгъэлIым зэрыхуигъэфащэмкIэ, ахэр алыджхэм ящIа монастыру щытагъэнщ. Нэхъыжьхэм зэраIуэтэжымкIэ, Алыджхэ я унэр тетащ Кургъо дамэ, Пшышэ Iуфэм, Рязанскэ (Гъуэбэкъуей), Бжьэдыгъу станицэхэм я зэхуакум. Унэм бжэуэ хэлъыр пхъэ бдзыгъэу, нэху ипсапIэ щхьэгъубжэхэр пхъэ хъурейуэ, шэху уэздыгъэкIэ ягъэнэхуу щытауэ, унэм пэмыжыжьэу хьэщIэщ иIауэ яIуэтэж. Я нэкIэ ялъэгъуауэ нэхъыжьхэм жаIэж: хэпщIыкIыу унэ лъэгур плъагъурт (унэр кIыхьу зэпыту униплI-унитху хъурт), къазшыр удз къытекIэжауэ; унэжь щIапIэр инрэ зэхэтIыхьауэ, ипщэмкIэ дыхьэпIэ иIэу, шу дыхьэпIэмкIэ чом щыщу ин дыдэу, шыбгъэм нэсыну, зы пхъэшхуэ къыхэщу; Алыджхэ я псынэри бгыпэм къелъэрэ лъэгум къытехуэу къыщIэжу.

БЗАДЖЭНАДЖЭ; бзэджэнадж

ЦIыхум, сабийм, Iэщым зэран езыхыу лей зезыхьэхэращ, нэхъыбэу зыхужаIэр жын, шейтIан, Алмэсты, Псыхъуэ-гуащэ сытхэращ (еплъ тхыгъэхэм). Миф бзаджэнаджэ лIэужьыгъуэхэм нэмыщIу, езы цIыхум къахэкIами щыхужаIэ къохъу, псалъэм папщIэ, уд, цIыхуей, лъэужьей сытхэр (еплъ тхыгъэхэм). Бзаджэнаджэ иджыри щыIэу къалъытэ, ар нэхъ зыгъащтэр макъышхуэращи, зауэм кърехужьэри, нэхъ удэмауэ (щыму, даущыншэу) здэщыт щIыпIэм макIуэ. Бзаджэнаджэр нэхъ хуэлъэщ нысащIэм (лъхъуэнпIэным зэран хуохъу), сабий цIынэм (и узыншагъэм щенэ, уеблэмэ щаукIыпи къохъу), Iэщым (гъэшым кIэреч, н.). Шынэуз (кIах. кIэлэгъэщын) жыхуаIэри абы я зэранхэм щыщщ. Бзаджэнаджэ тIысыпIэу къалъытэ унэжь бгынэжахэр, куэншыб идзыпIэхэр, губгъуэр, псыхъуэр, мэзыр, языныкъуэхэм деж кхъэр. Бзаджэнаджэ лIэужьыгъуэ къэс щхьэж и тIасхъапIэ зыхэлъ, езым и «Iэмэпсымэхэр» иIэжщ (мывэупцIэ, щхьэмажьэ, н.); апхуэдэ дыдэу – «къызэраумыс», «зыщышынэ» атрибутхэри: шыр, шхуэр, щIопщыр, нахъутэ сытхэр, тхъуэбзащхъуэр, къ. ЦIыхур бзаджэнаджэм зэрыщышынэр къагъэсэбэпурэ, языныкъуэ бзаджащIэхэр кхъэм дэтIысхьэти блэкIыр ягъащтэрт, шыр, шхуэр, уанэр трахырт. Шынэм иритт, яхуэмышынэр кхъэм дэтIысхьам фIэнэрти, къиумысырт. Мы мотивхэри псысэ, хъыбар, меморат сытхэм сюжет яхуохъу.

[Bzadzhenadzhe] – A general name of bad guys of lower mythology, “evil spirits”.
[Бзадженадже] (от бзаджэ – ‘злой’) – общее название отрицательных персонажей низшей мифологии, «нечисть» (уды-ведьмы, шейтаны, джинны и пр.).
[Bzadcenadce] (бзаджэ – ‘kötü’) – İnsana, hayvana, ekilmiş ve dikilmiş olanlara zarar verenler. Cin, cadı, şeytan, Almastı, Psıhue -guaşe gibilerine denir.

Источники: Эксп.-1992: 47, 49, 81; КБИГИ-м и архив: Ф-12, ед.хр. 4г, пасп. №11; Авторхэм я архив.

Дочь шапсугов
Адыгэ хабзэ
Черкесия - боль моя

ЧИТАЕМ

Тени прошлого
Записки кавказца
Адыгэ орэдыжъыхэр

СМОТРИМ

Иллюстрация
Иллюстрация
×
×
Шапка с каплями